Хабзэ Логотип Жылагъуэ политикэ зэгухьэныгъэ
🌐 Адыгэбзэ ▼

Адыгэбзэ

Нэщӏикӏыж (Гьид) Махуэшхуэр зыгъэлъапӏэ дэтхэнэ зы адыгэми сынывохъуэхъу!

Фи нэщӏыр псапэ Тхьэм ищӏ! И сэбэп Тхьэм къывигъэкӏ! Етӏэнэгъэ пӏалъэ адыгэ лъэпкъым мыхъумыщӏагъэ щыӏэмэ лъэныкъуэ езауэ, нэхъыфӏыу щыӏэр ди хэхъуэу, дыбагъуэу, зыдужьу, дызэгурыӏуэу, гъунэгъу лъэпкъхэм щапхъэ дахэ дахуэхъуфу, дызэкъуэтрэ дызэрыӏыгъыу Тхьэм дынигъэс!

«Адыгэбзэр къэрал ӏуэхущ»

Фӏэхъус гуапэ фызох! Сэ КъуэщIысокъуэхэ сащыщщ си цӏэр Мартинщ! «Хабзэ» зи фӏэщыгъэцӏэ адыгэ политикэ-жылагъуэ зэгухьэныгъэм сырипэрытщ! Хэкум щыпсэу адыгэхэми, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэу адыгэ куэдми, нэхъыжьи нэхъыщIи, бзылъхугъи цӏыхухъуи куэдым мы махуэхэм Адыгэбзэм и Махуэщӏым ехьэлӏауэ адыгэбзэкӏэ ӏуэху зэмылIэужьыгъуэхэр къырагъэкӏуэкӏащ. Нэтынхэр, тхыгъэхэр куэду утыку къыралхьахэщ. Мыбы ущыкIэлъыплъкIэ хуабжьу гур хегъахъуэ. Адыгэ лъэпкъыр щыӏэным, зиужьыным папщIэ ди […]